Къеблагъэ - Hoşgeldin

    ХЭКУМ   УХУЭЗЫШЭ   ГЪУЭГУ    .........Пэрыт - Perit.........VATANA  GÖTÜREN  YOL

Türkçe

 

Kimliğimiz


Fikrimiz

 

Faaliyetlerimiz

 

Tüzüğümüz

 

Üyelik_formu  

 Kısa bilgiler

Haberler

  Vatandan kısa  haberler

 

Soru-Cevap

ТЭГЪУЛАН ЕКУБ

Мы напэм тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъум къытхуитх хъыбархэм, гупщысэхэм,хэхэс гъащ1эм теухуа  хъыбарыжьхэм фыкъыщеджэфынущ.

ДАТХЭНЭМ ИГЪЭЗЭЖЫФЫН ?

    «Илъэс 47м итщ,энгинеерщ,Истамбул щопсэу,ухуэныгъэ Iуэхум йолэжь.И щхьагъусэр адвокатщ,ищхьэ хухэха хэщIапIэ иIэуэ мэлажъэ.Зы пхъу яIэщи ари университетым щоджэ,гъэмахуэхэм тхьэмахуитI-щы зыгъэпсэхуакIуэ макIуэхэ,фIыурэ мэпсэухэ»

    «Къайсэр къалэм дэсщ,егъэджакIуэщ,и щхьэгъусэр унэ гуащэщ лажъэкъым.ЦIыкIуищ яIэщ,нэхъыщIитIыр пэщIэдзэ еджапIэм щоджэ,нэхъыжыр университетым макIуэ»

    «Езыр къуажэм дэс щхьэкIэ цIыкIухэр егъэджэн хуейщи,бын унагъуэр щIымахуэм къалэм мэIэпхъуэ.МэкъумэшыщIэщ,къуажэм кIуэж къэкIуэжыурэ тетщ , гъэмахуэм къуажэм къегъэзэж»

    «Дзэм и къулыкъущIэщ,къэралым дэнэ игъакIуэми абы макIуэ,хэубыдыкIауэ зы щIыпIэ щыпсэуыфыркъым,тыркум и лэныкъуэ псори щIыпIэ щIыпIэурэ къекIуыхь,и щхьэгъусэри егъэджакIуэщ, дэщIыгъуу къыдэкIухь.»

    «ЛIыж-фызыжыр,язэкъуэпцIийуэ къэнауэ къуажэм дэсщ,я бынхэр унагъуэ хъуауэ тыркум и щIыпIэ зэрызым щикъухьащ,гурыфIыгъуэу яIэр, я къуэрылъху-пхъурылъухэр къызэрылъыхъуэзэныращ»

    «Зэшхьэгъусэхэм фызыр,тыркум и банк инхэм язым и унафэщIщ,лIыр къэрал къулыкъущIэщ.Лъэрмыхьыуэ  икIи сымаджэрилэ хъуа я анэжыр къабгъэдэсщ,я бынхэр нэгъуэщI къалэхэм щоджэ»

    «Дохтыру сымаджэщ гъуэрэм Iуэху щещIэ,и къуажэм мыIэрысей хадэ щиIэщи абыи толэжыхь,и щхьэгъусэм дэхагъэ центыр (макяж салон) иIэщ,и цIыкIухэр йоджэ»

    «ЛIыр тIысыжащи Iуэху ищIэжыркъым,Хэкум игъэзэжыну инэр къикI щхьэкIэ,и фызымрэ и бынхэр къыхуекIуалIэкъым»

      ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа унагъуэхэм зыкъэмынэри адыгэ унагъуэщ,псори зэрыадыгэм иропагэхэ,я бынхэм адыгэбзэ ящIэуэ,адыгагъэ яхэлъу,лъэпкъыпсэу зэрыщытыным хущIокъу. АрщхьэкIэ мы унагъуэхэм,унагъуэкIэ заIэту Хэкум зэрагъэзэжынур Iуэху тыншу шыт?

      Датхэнэхэм ягъэзэжыфыну жыфIэрэ?

     Адыгэхэр,я гъащIэуэ къагъэщIа лъандэрэ зэрыса я Хэкужым залымыгъэкIэ къызэрагъэкIрэ мис нобэ и лъэс I45 мэхъу.

Тыркум ипэдыдэ къыщыкIуагъэщIэхэм,ягъэзэжын ягугъэти щIагъуэ унэ-жъэгу ящIатэкъым.Абы щыгъуэи ягъэзэжыфакъым,нобэи гъэзэжыгъуей хъуащ.

    МащIэуэ щытми,къэзлъахъэ апхуэдиз лъэпошхьэпом фIэкIыфыуэ нобэ Хэкум къэзыгъэзэжыфа ди лъэпкъэгъухэм фIыщIэшхуэ яхуэщIын хуейщ.

Хэкум гъэзэжын Iуэхур,хэубыдыукIа зы  пIалъэкIэ зэфIэкIыфын Iуэхукъым,нытIэ, диаспорам адыгэ исыхукIэ зэпымыуын Iуэхху узэгупсысын хуейщ,ар зы гъуэгуанэ кIыхьщ.Сэ сызрэгупсысымкIэ,пэжым уыхуеймэ,пIалъэ кIэщIым къыриубыдэуэ зыгъэзэжыфынухэр,адыгэ псом я бжыгъэм еплъытмэ икъукIэ мащIэщ.

Апхуэдэуэ щыхъукIэ,унафэ псори,гъэзэжын Iуэхум тещIыхьа мыхъуу,абы къыдэщIыгъуу,щыпсэу щIыпIэхэм хэмшыпсыхьыжу,Хэкум лъэщу къыкъуэт адыгэ диаспора зэрышыIэнми тележыхьыпхъэщ.

ЗэрыжаIэм хуэдэуэ,мыхъумэ зэрыхъу..

Тэгъулан Екъуб,Yakup temel --- Тыркум

Гу зылъытапхъэ : ТхакIуэм и гупщысэхэр къыдэдмыщтэми езым пщIэ худощI. Дэ ди гупщысэкIэмкIэ,хэкум нэхъ лъапIэ зыри щыIэкъым. Хэкум пэхъун щхьэусыгъуэ щыIэуи тхуэдэнукъым.ЦIыхур щIэпсэур и хэкуращи, къапыщылъ гугъуэхьхэр тхуэгъэмащIэмэ ди къуэш куэд къызэрыкIуэжынури ди фIэщ мэхъу..Дэ гъуэгу дытезышари а гугъэращ...Пэрыт Хасэ.

 

 ХАБЗЭ

Иджыблагъэ,зы тхьэмахуэ хъуащи,тыркум и телевидинэхэмрэ газэтхэмрэ зыкъэмынэри,къэралым и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ зы къуажэ жыжэ гуэрэм къыщыхъуа щIэпхъэджагъэ гууызым топсэлъыхь.

Япхъур зыт зы унагъуэм деж щекIуэкI дэуэдапщэм ащэ хуэщIа зыIыгъ лIы гуп теуэри, зэхуэса цIыхухэм ящыщ 45 р яукIащ,6 ри уIэгъэ ящIащ.Нысапхъэмрэ  зышэну щIалэри яхэту,цIыкIу-ин,цIыхухъ цIыхубз жамыIэуэ,къэIэрыхьэр зэфэзэщу гущIэгъуншэу зэтыраукIащ.

ГэщIэгъункъэ,зыукIахэри яукIахэри зэблагъхэщ,зэунэкъуэщ дыдэхэщ ! ЩIэныгъэлIхэр зэпыу имыIэуэ топсэлъыхь,"цIыхуцIыкIум мыпхуэдэ  зы Iуэху дауэ къыIэщIэщIэн" жаIэри.

Ар зыхуахьынури зыхуагъэфэщэнури ящIэркъым,шынагъэншагъэм и хъумакIуэхэми, мы Iуэху гуауэм щхьэусыгъуэ хуэхъуари ,щIэхъуа щIыкIэри нобэ къэсыхукIэ дахэ дахэуэ  зэхагъэкIыфакъым.

Хэтым щIы, хъупIэ зэпаубыдауэ жэIэ зыкъомми лажъэр  яхэлъ «хабзэ мыхъумыщIэ»хэм тралъхьэ.

СлIо хабзэ мыхъумыщIэ жыхаIэр?

Зэблагъэхэр зэрышэныр тыркухэм хабзэ Iейуэ яхэлъщ.Нобэ нэгъунэ,мы хабзэ мыхъумыщIэхэр  жылагъуэм и щIыпIэ куэдым шызокIуэ.Зи гъугъу тщIа  Iуэху  гууызыр къыщыхъуа щIыпIэм мыр абы къыщымынэуэ нэхъри зеуыбгъу.

Хъыджэбз цIыкIухэр тэкIу къызэрыжэпхъу  зэрырагъэгъэшэным яужъ йохьэхэ.Хъыджэбзыр ипэ щIыкIэ идэуэ щытмэ, ядэ къуэшым и къуэм ейщ,абы имышэмэ, анэшым икъуэ анэшыпхъум и къуэ хуэдэ адрей благъэхэм, иужъ дыдэи  къуэжэгъухэм ират.ЗэрыжаIэмкIэ,апхуэдиз цIыхур щIаукIар, хъыджэбзыр и унэкъуэщ щIалэм ирамыту  я благъэ нэгъуэщI щIалэ   гуэр зэрыратаращ!

Мыпхуэдэ хабзэхэр зэрыщыIэр,абы щхьэкIэ апхуэдиз цIыху зэрауыкIар фи фIэщ хъу къыщIэкIынкъым ауэ псори пэжщ.Зэрышэн хъумэ,Iэмал зэриIэкIэ жыжэIэбэ адыгэхэмкIэ къэхъуахэр нэхъри фIэщ щIыгъуейщ.

Адыгэхэм дежкIэ хабзэр «хабзэ» щIэхъуар. гъащIэмрэ  цIыхугъэмрэ екIурти аращ.Си анэшхуэ Хьэжнэху жиIэжу зэхэсхауэ шытащ,я къуажэм джэгу щыхъуамэ,къуажэ щIалэхэм языхэз,датхэнэ унагъуэрами ирехъу,жэшибгым кIуэнт и къуэжэгъу хъыджэбзыр джэгу къишэнти  ишэжынт.Янэ ядэми намилэ ягу ныкъуэнтэкъым икIи гъузэвэнхэтэкъым.Къуажэм дес  щIалэгъуалэ псори зэшыпхъу зэдэлъхуу фIэкIа нэгъуэщIыфэ зэраплътэкъым зэшзэбыну зэхэс фIэкIа.

Тэгъулан Екъуб  ( Yakup Temel ) Тыркум

ЕДЫДЖЫПЩ

        Зы лэхъанэ,ЕдыджыпшкIэ еджэуэ зы пщы гуэрэ щыIэт.Езыр щIалэ щхьэкIэ зэпIэзэрыту, хахуэу,и хьэщIэщ Iухьарэ жылэр щешхэ щефэу, хьэщIэ щигъэхьэщIэу  апхуэдэт.

Зы махуэ гуэрэ,гупыр уэршэру и хьэщIэщым щызэхэс зэ,Едыджыпщыр, лIыжьхэм щIыхь хуищIти абдежым щищIэн къримгъэкIу зы Iуэху щхьэкIэ хьэщIэш Iуыжым щIэкIауэ,абы хэту зы лIыж гуэр къэпсалъэри, « Тхьэр соIуэ,и лIыгъэкIи,и IущагъкIи,и дэтхэнэ зыкIи Едыджыпщым къыщIыхьэн мы хэгъэгум имыс,сымлъэгъуа сэ» жеIэ.

       НэгъуэщI зы лIыжи къыхопсэлъыкIри,

 «Тхьэр сгъэпэжа, сэ сощIэм абы хуэдэ зы,модэ мо хэгэгум БгъунжокъуэкIэ еджэу зылI щопсэури,ар мы Едыджыпщым къыкIэрымхун» щыжиIэм,Iужым дэт Едыджыпщым ар зэхех. ХьэщIэ гупым къахохьэж.Уэршэрыр зэфIэкIри, цIыхухэр зыбгырыкIыжу нэху ща нэужъ,

       «А сэ къыспащыта щIалэр зэзымгъэлъагъуу мыхъуну» жеIэри йожъэ.Йожъэри, аурэ хэгъэгур ибгынэри гъуэгуфI зэпича къудэуэ,зы мэлыхъуэ хозэ.Хозэри сэлам зэраха нэужъ йоупщI,

     «Дэнэ къуажэ мэл мыр?»

     «Мо джабэм кIэрыт Бгъунжокъуэ и къуажэм и мэлщ»

     «Хъарзынэщ,нытIэ сыт щыхъу сыт щыщIэ,сыт фылэжъ,сыт щыхъыбар фи къуажэ?»жери кIэщIоупщIыхь,

     «Хъан и къуэм и пхъур  яшэну къэкIуауэ, зы тхьэмахуэ лъандэрэ фызышэ гуп шы къагъэджэгури зэхэтым.А хъыджэбзыр бгъунжокъуэ пылъти,зыкъомым иригъэшэнкъым,  хэти хузэфIэкIынкъым жари ар я псалъэу щытым».Едыджыпщми,

      «НытIэ узыншэу» жери йоуэри йожьэж.

Къуажэм нэсри,мэлыхъуэм а зэрыжиIэм ещхьыуэ,фызышэ шухэр лъэныкъуитI зэрищIыкIауэ шы къыщагъэджэгурт.ФIохъус ярихри шууыкIэм уыващ.Аурэ шыхэр къагъэджэгум нагъэджэгуурэ зэхэту,ахэм ищхьэкIэ къахэплъэу тес лIыжхэм зыкъыхуагъазэри,

      «Иджы Бгъунжокъуэ,хьэщIэу къэкIуа  фызышэ шухэм я лъэкI къэгъэнакъым,я хьэкъ ялэжъащ,зи чэзур дэращи ди жылэ хуэфащэу зыш къытхуэгъэджэгу»жаIэ.

Ар щыжаIэм,Бгъунжокъуэм зыкъызэщIыкъуэщ,къэшэсщ, утыкум къихьэри а къэкIуахэм я нэхъ дэгъуэу шы къигъэджэгуащ.Абдежым,Едыджыпщыр шу мыцIыхуу щытти,абыкIэ къыIулъадэри Бгъунжокъуэм къешыбгъэрыуащ.Къешыбгъэрыуэри,

     «Уий уий уий,къысхуэгъэгъу,си щыр схузтеубыдакъым»жиIащ.

Едыджыпщми, «Ягъэ кIынкъым, абы хуэдэри мэхъу»жери абы фIигъэкIакъым.

Бгъунжокъуэм егъэкIэрахъуэри егъэзэж,лIыжхэм деж мэкIуэжри яхотIысхьэж.

ЛIыжхэм яжыреIэ,

      «тхьэ соIуэ,щууыкIэм шу мыцIыху гуэрэ къэкIуауэ щытмэ,и щыфэлIыфэмкIи и шы къэгъэджэгукIэмкIи къэбэрдей шум ещхьым,шы къигъэджэкIуну  зэ хуэвIуэху!»

      ЯгъакIуэри щыжыраIэм, Едыджыпщым,

      «Сэ шы къэзгъэджэгуну абы сыщымыIэ»жери яхуимыдэуэ лIыкIуэр къигъэкIуэжа щхьэкIэ модрейхэм,

      «ИкIыи укъэбэрдей шууэ,икIыи шы къэгъэджэгукIэ сщIэкъым жыпIэуэ,ар зэикI емышхь,ауэ ди хьэтыр къэплъагъумэ ди гуапэ хъунущ.» щыжраIэм утыку къихьэри зыщ къигъэджэгуати, жыпIэкIэ пхунэмгъэсыну апхуэдэт.

АрщхьэкIэ,абы и шы къэгъэджэгукIэр,Бгъунжокъуэми,къэкIуа шу хьэщIэхэми яфIэIуэхутэкъым.Едыджыпщым,шы къэгъэджэгунур иуха нэужъ,шууыпщэм деж щыт Бгъунжокъуэм деж бгъэдолъадэри,езым къызэрищIа щIыкIэм ещхьыркъабзэу ебгъэрыкIуащ.ТIэкIу къыпыгуфIыкIыурэ,

       «Къысхуэгъагъу,си шыр тIэкIу къызэпхъэшэкIащи аращ!»жеIэ.

       А зэманым гъо жаIэуэ зыгуэр утыкум къихьэт ягъэгуоти, итIанэт жылэр щызэбгырыкIыжыр.А гъор утыкум къохьэри къогуо,

      «Иджы зы тхьэмахуэ лъандэрэ мы хьэгъуэлыгъуэр йокIуэкI,хъарзынэуэи дызэхэтащ,зыкъэмынэми(ПСОМИ) я хьэщIэхэр ярешэлIэж,ауэ зыми я унэ уэздыгъэ щагъэблэну Iэмал иIэкъым.»

      Псоми я хьэщIэхэр Iуашри ежьэжахэщ.Едыджыпщри ирагъэблэгъэну яужъ итахэ щхьэкIэ,

      «Хьэуэ сэ сыгъуэгурыкIуэщ»жери яхуидакъым.Ежьэжыри,фызышэр здежьэжыну лъэныкъуэмкIэ къуажэ гъунэм деж зы щIыпIэ и шыр щилъахъэри увыIащ.

Къуажэм хэплъэри, хъаным и уэздыгъэм фIэкIа зырикI блэртэкъым.ЕгъэщIагъуэ.Жэшныкъуэ хъуху йожъэри,

     «Мыр къызхэкIыр сэ зэзгъэщIэнмэ»жери еуэри къуажэмкIэ иунэтIащ.Дэхьэри, пэждыдэу, хъаным и уэздыгъэ закъуэрат блэр.

А унэм игъунэгъу щыхъум,Бгъунжокъуэр яшэну хъыджэбзым дэуэршэру щхьэгъубжэм Iуту елъагъу,ЖаIэхэм щIодэIу.

     «Дэнэ щыIэ Бгъунжокъуэ,дэнэ щыIэ зхужытIахэр,ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр, мыпхуэдизт пхэлъ лIыгъэр,щхьэ пцIы къысхуэбупса,лIо лей къыщIызэпхар? Уэр нэхърэ нэхъ лIыгъэ схэлъщ сэ,ныжэбэ къыщIэкI жыпIэмэ алыхь сыкъыщIэкIынмэ!»

     «ЖыпIэхэр пэжщ ауэ,зы тхьэмахуэ лъандэрэ мыпхуэдиз хьэгъуэлIыгъуэ екIуэкIауэ,уащIэзгъэкIуэсыкIыу ар сэ си лIыгъэм къемкIун,ауэ нэху щымэ еплъ, хъу аIмэ ар уэ плъагъунщ,а жыпIэр сэри къызэмыкIун уэри къомыкIун!»

      Хъыджэбзым щхьэгъубжэр къыхуищIыжащ,Бгъунжокъуэри еуэри ежьэжащ.А жаIэ псори Едыджыпщым зэхихат.Шыр щилъэхъам деж къигъэкIэрахъуэри  къэкIуэжщ гъуэлъыжри жейжащ.

Къушлыкъум къэушщ къэтэджри шым уанэ трилъхьэри,итIанэи фызышэм пэплъэу увыжащ.Куэд дэмыкIыуэ къэса фызышэм яхохьэ,шухэм ябгъэдохьэри,

      «Фи тхьэмадэр датхэнэра?» жери щIоупщIэ.

      «Ди тхьэмадэр моращ» кърагъэлагъу.

      «Уэ тхьэмадэ,фи гуфIэгъуэри тхьэм махуэ ищI,мы къафшэ цIыхубзцIыкIур си благъэщ,сэри езгъэшэну,сыхэтыну скъэкIуатэмэ арщхьэкIэ,скъынэсыфакъым.Апхуэдэуэ щыхъукIэ,хуит скъэпщIмэ зэ зэзгъэлъагъунутэмэ..»

       «Хъарзынэмэ,хъунщ нытIэ»

       Едыджыпщыр хъыджэбзыр зэрыс щыгум бгъэдыхьащ,кърипхъуэтщ,и щыплIэм къыдигъэтысхьэри еуэри ежьэжащ я шыи яшэи къыщIэмэхьэу  яфIихьащ хъыджэбз цIыкIур.

Фызышэ гупыр хьэжэкIэпсым(гузэвэгъуэм)хэхуауа зэхэсу,Бгъунжокъуэр икIэщIыпIэкIэ къэсри къахыхьащ.Хьэр къахэжъауэ щысхэт.

       Бгъунжокъуэм,

       «ЛIо къыфщыщIар къыпевгъэзэзыхыурэ  фызхэси ?» жеIэ.

       «КъытщыщIам ущIэмыупщIэ,дыгъуасэ щууыкIэм щыта къэбэрдей шум,тшэ нысэри ирихьэжам,ди шыи ди шэи щIэмыхьэ,щыкIуэжкIэи,  Бгъунжокъуэм фызхущIэупщIэж,фыз лъыхъуэмэ сэ сыкъырегъуэт жэри, а къуэдзри къыткъуидзэри еуэщ абими мыбыкIэ кIуэжамэ!»

       «Тхьэм фи Iуэхур дахэ ищI,ар сэ къэзгъуэтыным»жери ежащ.УэсыщIэм уыщытеуывэм деж ищI лъэкъуапIэм хуэдэу пIэ иригъэщIыурэ кIуэт.Едыджыпщым кIэлъыпхъэрри,зы махуэ кIуа махуитI кIуа,зыдынэсам зы Iэхъуэшыхъуэ щыхуэзащ.фIохъус зэраха нэужъ йоупщI,

      «Дэнэ къуажэ Iэщ мыр ?»

      «Едыджыпщым и къуажэ Iэщщ»

      «ЛIо фи пщым ищIэр нытIэ?»

      «Зы тхьэмахуэ ипэ зы хъыджэбз къихьамэ,жылэгъуиблри зэхуищэсри хъыджэбзри щыпхъу зыхуищIамэ,и пхъуантэ дэлъри хузригъэпэщауэ,зейр къакIуэмэ естынущ жери щысмэ»

       «Дэгъуэщ,нытIэ сэ бысым хэт къысхуэхъун?»

       «Едыджыпщыр къыпхуэхъунщ»

       «Ар хъунщ ауэ сэ Едыджыпщым деж секIуалIэ хъунукъым»

       «НытIэ Сохъ и къуэм деж екIуалIэ»

       « Хъунущ жери» жыхуиIэм екIуалIэри ирагъэблэгъащ.И бысымым йоупщI,

       «Фи къуажэ хъер хъыбар сыт дэлъ?»

       «Хъерщ,Едыджыпщым зы хъыджэбз къыхьри жылэр щыгъуазэу щыпхъу ищIамэ,зейр къыкъуэкIмэ естыжынущ жери ар и унафэмэ»

       «Езыр даурэ слъэгъуа хъуну?»

       «Ар зэ фIэкIа пхуэлъагъуфынкъым,ари,пшэдджыжым щха нэужъым щакIуэ макIуэри щыдэкI зэманым зыхуэбгъэзэмэщ.Абы папщIэ,дэ нэхъ жьууIуэу дыдэкIынщи,къыщыдгъэзэжым абы и дэкIыгъуэм зыхуэдгъэзэнщ.Абдежым,щыжыфIэну Iамэ щыжывIэнщ..»

       ЗэгуроIуэри мэгъуэлъыжхэ.Нэху къокIри жьыуэ мэзым дохьэхэ.Бгъунжокъуэри, пщэджыжым къэтэджщ,щхэри щакIуэ ежъащ.Къуажэм тIэкIу пэIэщIэ хъуауэ щызэрохьэлIэхэ.ФIохъус шызрахри  Едыджыпщым,

       «Неблагъэ»жи.

       «Еблагъэ куэд ухъу,дынеблэгъэнщ».

       Йоблагэ.

       «Уэ мы хэгъэгум уримшу,дэнэ укъикIами».

       ИцIыхужатэкъым.КъигъэкIэрахъуэри кIуажэмкIэ къыщигъэзэжым,

       «Тхьэм уигъэпсэу, сэ бысым сиIэщ».Идакъым Бгъунжокъуэм.

       «нтIэ дэри яужъкIэ дынэкIуэнщ».

      Бгъунжокъуэр и бысым Сохъ и къуэм деж къэкIуэжащ.

Едыджыпщри пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжри хьэщIэлъагъу Сохъ и къуэм и хьэщIэшым къэкIуащ.Аурэ псалъэхэурэ здэщысым, мобы къимцIыхужыпIэр иIэнт,Бгъунжокъуэр  къицIыхужат.ИужъкIэ,лIыж тхьэмадэхэр зэхуэсри я нэкыхь ятхын мэхъу.Зы лIыж гуэр къэпсалъэри,

      «Уэлей Бгъунжокъуэ,мы Едыджыпщми уэуейм хуэдэу зы Iуэху зыхэзэрэхьа иIэмэ».щыжиIэм,Бгъунжокъуэм,

      «Тхьэ ар сытми къызжевмыэIуэ нэкыхь фэзымгъэтхын» жеIэ.

      «НытIэ ар къыбжетIэнщ,мо къалэшхуэм зы пщы дэсщ,илэситI щы лъандэрэ иужъ итщи и пхъур къримыт,и дзэр лъэщщи Едыджыпщри пэмлъэщ,емзагъэ».

      «Ара?»

      «Аращ..»

      «Хъункъэ нытIэ,пщэдей Едыджыпщым къищэу зфIэфI хэт щыIэми,шу шэсыгъуэ хъуху зэрегъэхьэзыр.Ар къэзмыхьауэ нэкыхь фэзмыгъэтхын».

      «Ар хъуащ» жари жылэр зэбгрыкIыжаш.Нэху къекIхэри,Едыджыпщымрэ Бгъунжокъуэмрэ Сохъ и къуэм яшхэм уанэ тралъхьащ,арщхьэкIэ,а пщым цIыхухэр Iейуэ фIэлIыкI къыщIэкIынти, къуажэм нэкIуэну  нэгъуэщI къыдэкIакъым.КъыщыдэмыкIым езы шууищыр еуэри къалэм кIуахэщ.Бгъунжокъуэм жери,

      «Иджы сэ хуит скъэфщIмэ зыгуэр къывжезIэнущ,мы Iуэхур дэвгъэгуэш.Псоми тщIэн Iуэхур зэхэхауэ Iэнэм къытедывгъалъхьэи,зым зыр дыщымыгугъуу щхьэж езбы и Iуэху еплъынщ.Мы къалэм дэхьаныр сэ сипщэм дэлъщ,къалэм сэ сыдэхьанщ, хъыджэбзри къыдэсхынщи Сохъ и къуэм естынщ,Едыджыпщыр уэри пхъэрыр къыткIэлъыкIуэмэ пэув.»

        «Хъунщ» жаIэ.Едыджпщым,

        «Мыбы хъыджэбзитI дэсщи,я кIыхьэгъкIи я щыгъынкIи,я зыхуэпэкIэкIи пхузэхэмхунум хуэдэуэ зэщхьыркъэбзэщ.А тIур зызакъуэкIэ зэщхьэщокIыр,дэ дыкъызкIелъыкIуа хъыджэбзым и жъэгъум зы анэл хэлъщ. Хуэсакъ,Абы  фIэкIа нэгъуэщI зэхэгъэкIыпIэ иIэкъым.» жери Бгъунжокъуэм жыреIэ.

        Яужъым къуажэм дохьэхэри,Бгъунжокъуэ а зэрижиIам хуэдэуэ хъыджэбзыр къигъуэтщ,еIэщ епхъуэри шым къытыридзэри къеуэри къежьэжащ.

Пхъэрыр къакIэлъыкIуа щхьэкIэ,Едыджыпщыр япэуващ,ахэр къимгъакIуэурэ зыкъомрэ пыщIэта нэужъкIэ,хамэ хэгуэгум къикIыжхэри я хэгъэгу къихьэжахэщ.А лъэхъэнэм,уи хэгъэгу укъихьэжмэ пхъэрыр къыпкIэлъыкIуэжтэкъым.

        «ДыщIэшынэжын щыIэжкъым,иджы тэкIу зыдгъэпсэхунщ,тэкIуи дедзэкъэнщ, мы хъыджэбз цIыкIуми тIэкIу жьы зыщIырегъахуэ» жаIэри зэтоувыIэхэри Едыджыпщымрэ Бгъунжокъуэ йопсых.

Хъыджэбз къахьари щIакIуэ яубгъури абы трагъэувэ. Сохъ и къуэри епсыхыну хуежа щхьэкIэ и куэ лъэныкъуэр къыхутеIэтыкIакъым.Еплъмэ,къыкIэлъыпхъэрахэр сагъындакъкIэ къеуэхэщ,шабзэшэр и куэм къызпхырыкIри уанэ пхъафэм кIриуIуылIат.Абы къэсыху ищIатэкъым.КъеIэщ къыхичри шым къэпсыхащ.

        «Тхьэм и цIэкIэ соIуэ, уIэгъэ стелъым»

       «Iэхъу..!даурэ птелъу» жари абы хэту,хъыджэбз цIыкIур зэфIэту утыкум иту къэпсалъэри,

       «Алыхь,ди пщы хъыджэбзыр, си атэлыкъ хъыджэбзыр яхьащ жиIэурэ гъуейу щыс къыщIэкIыным»шыжиIэм,Бгъунжокъуэ хъыджэбзхэр зэрызэхигъэзэрыхьар къыгурыIуащ.

        «Тхьэ соIуэ,уэщыдзэ миныр Iудгъэуамэ!ауэ мыр сэ схьыуэ сымкIуэжын»

        «Хьэуэ,хъунур хъуащ, ди насып зэхэлъыр мыра къыщIэкIынщ»жаIэ щхьэкIэ яхуидакъым.

         «Уэлей сымкIуэжын сэ ар къэзмыхьауэ,е си хьэдэр абы шезгъэIэтыным е къэсхьыным!»

         Едыджыпщымрэ Бгъунжокъуэрэ,Сохъ и къуэм и куэр япхэщ хъыджэбзым къыбгъэданэри езы тIур къалэм трагъэзэжщ, мурад зыхуащIа хъыджэбзри къахьыри къэкIуэжахэщ.

Ипэм къахьа хъыджэбзыр Сохъ и къуэм иратащ,къуажэм къагъзэжри щыми я нэкыхь хуатхащ.Абы къыщыщIэдзауи я ныбжэгъуагъэр илъэс куэдкIэ ирагъэкIуэкIащ.

Тэгъулан Екъуб (Yakup temel) Тыркум

Жанхъуэт и хъыбар

Жанхъуэт,тыркум и журналист ц1эры1уэхэм я зым и щыкъуадэт.

Илъэс 100 хуэдиз ипэ,1900 гъэхэм и пэщ1эдзэхэм,Кавказым къи1эпхъук1ри,абы щыгъуэ Уэсмэн империем и къэлашхьэуэ щыт Истамбул къэк1уэгъат.

И адэшхуэм и к1эсу шык1э къыщахьа а лъэхъанэр нобэи пщ1эхьэп1эуэ зи нэгу щ1эт щ1алэ ц1ык1ум и ныбжыр абы щыгъуэ илъэс зытхухы хъу къудейт.

Зыдэщ1ыгъуу къэк1уа и адэшхуэр куэд дэмык1ыуэ щыл1эм,ядэ янэри и1эжыххэтэкъыми,ц1ык1у дыдэуэ зеиншэ хъуат.

Абы иужък1э, Изакъуапэуэ къэна Жанхъуэтыр, зы тырку унагъуэм зэришэл1эжри ахэм яп1ащ.

Жанхъуэт щ1алэ 1ущ ц1ык1ут,медицинэ факултетым еджэщ дохтыру къыщ1эк1ри илъэс зыкъомрэк1э и 1эщ1агъэр игъэзащ1эурэ псэуащ.

Жанхъуэт илъэс 96_м иту зы мазэ ипэ л1ащ.И малъхъэ журналистым къызэри1уэтэжымк1э,мылажьэу тысыжа нэужък1э,узыншэурэ куэдрэ псэуыжащ.

Нэгъабэ,мыл1э щ1ык1э зы илъэс ипэ,зэуэ сымаджэ къахъури,укъимыщ1эу сымаджэ хьэлъэу ф1ыурэ хэлъа нэужъ хъужри къэтэджыжат.

Къэтэджыжа щхьэк1э тыркубзэтэкъым, ямыц1ыху зы бзэк1эт зэрыпсалъэр.И унагъуэ и 1ыхьлыхэм   л1ыжым жи1эхэр къагуры1уэртэкъым.

Сытыбзэу п1эрэ мыр зэрыпсалъэр жа1эурэ абы хэту,зэрыадыгэр яц1ыхурти,адыгэбзэуэ къыщ1умык1к1э жари,я ц1ыхугъэ зы адыгэ щы1эти, ар къраджащ.Арат, Жанхъуэт и анэдэлъхубзэрат зэрыпсалъэр!

Жанхъуэт и адэшхуэм дэщ1ыгъуу ипэ дыдэ тыркум къыщык1уам щыгъуэ, адыгэбзэ закъуэт ищ1эр ауэ,и унагъуэр имы1эж щыхъум,адыгэбзэр щыгъупшэжри абы иужък1э зэик1 адыгэбзэ псэлъэжатэкъым.

Къеуэл1а сымэджагъэм,щхьэкуц1 уызыфэм,ипэдыдэ зэригъащ1эуэ щыт и лъэпкъыбзэр къанэри, иужък1э зэригъэщ1а адрей бзэхэр зыкъэмынэри и щхьэм ирилъэщ1ык1ат!Ар гъэщ1эгъуэнкъэ?

Ц1ыхум ипэдыдэ зэхих,зэригъащ1э и анэбзэр и щхьэм апхуэдизк1э йохьэри ф1ырыф1к1э пхуэлъэщ1ыжкъым,абы къик1ыр арагъэнщ дауи.

Тхьэм ещ1э, Адыгэхэр Хэкум къыщик1а илъэс 145 лъандэрэ,зэхэдмыхауэ,дымыщ1э дымц1ыхуу,Жанхъуэт ищхьэ кърик1уа апхуэдэ хъыбар дапщ1э къэхъуа.

Тэгъулан Екъуб  ( Yakup Temel )Тыркум

Къаруухэр зэгъэбыдылIа хъумэ…

 

Зымахуэ, тыркум пхыдзауэ щыт  къалэ цIыкIухэм язым егъэджакIуэуэ щылажэ ди благъэ щIалэщIэ Лостэн Ерхьэн  телефонкIэ сыщепсалъэм,

"Даурэ ухъурэ, уздэкIуам уеса?" - жезIат.

"Хъарзынэщ,кIуэху досэ.."  -жери къыпеджэжащ. ЗэрыкIуэрэ мазих хъуат.

"Уезэшрэ, адыгэ щыбгъуэта?"

"Адыгэ куэд дыщызрыгъуэтащ. ЩIалэгъуалэхэр хэмыту унагъуэ 26-рэ дохъу, дызкIэлъокIуэ, тхьэмахуэ къэси дызхос."

И макъыр икъукIэ нэжэгужэу къэкIуэт ауэ игъусэхэм адыгэбзэ щIагъуэ зэрамыщIэм хуэтхьаусыхэт. Къалэм къыщыхъуа пэтрэ адыгэбзэ дэгъуэ ищIэуэ,адыгэгъэ хэлъу щыт щхьэпэлъагэ щIалIэ къекIу Лостэныр, дэнэ ущыпсоми,яужъ уиту шытмэ, цIыкIухэм адыгэбзэ заребгъэщIэфынум и нэшанэщ.

Си благъэ щIалэр зэрыхуэзам хуэдэуэ, тыркум и къэлэ псоми, хэдз щымыIэуэ, адыгэ щопсоу. Истамбул, Анкъэрэ хуэдэ къалэщхуэхэм ар минищэ бжыгъэхэм нос. МащIэ куэдми,адыгэ зыщымпсоу щIыпIэ щэIэкъым, адыгэм и кIэмэлъамэ зыщымуаи мащIэщ.

Тыркум адыгэ зыдэмыс къалэ зэрыщымыIэр, сэри илъэс 20 ипэ сгъэунэхуат. Абы щыгъуэ, нэхъыбэуэ курт лъэпкъыр щыпсоу къуэкIыпIэ лъэныкъуэ къалэ гуэрэм, зы илэс пIалъэкIэ дохтыру  сыщыIэгъэщ. А зы илъэсым икIуэцIым, тыркум и щIыпIэ куэдым къикIауэ а къалэм къулыкъу щызыщIэ адыгэ къом дызрыгъуэтри, гурэ псэркIэ фIыуэ зэрылъагъу гупыфI дызрыгъэхъуат. Тыркухэм,адыгэхэр дэнэ фыщыIэми фызрогъуэт, дэнэ лъэныкъуэкIэи фи Iэр нос къыджаIэ зэпытщ. ЖаIэр пэжщ, мы жылагъуэм, IэщIагъэ зэрыз яIэуэ,IэнатIэ нэхъыщхьэ куэдым увыпIэ быдэ щагъуэтауэ ауэ  лъэныкъуэ псомкIэ щикъухьэуэ адыгэ куэд щопсоу.

Я къарухэр зэрыхъун хуейм хуэдэуэ зэгъэбыдылIакъым анэхъкIэ, щIэныгъэкIэи IэщIагъэкIэи зэщIэузэдауэ щыт  адыгэхэр тыркум щыкуэдщ. Я къарур зэрагъэбыдылIэрэ зэгъэуIуауэ зэдэлажэмэ, адыгэхэр диаспорэм  нэхъ лъэщ зэрыхъунухэм къыщымынэуэ, я Хэкужми, абы ис я лъэпкъагъухэми сыт и лъэныкъуэкIэи ирехъу, щхьэпэ яхуэхъуфынущ.

Тэгъулан Екъуб
Тыркум

  АСЛЭН ЛЪЫ УАСЭ

 ЛIэныгъэр сыт щыгъуи гуIэгъуэщ ауэ ар сыт хуэдиз  уи жагъуэ  пщIыми,хамэ ил уызыркъым зэрыжаIэм хуэдэу,а гукъеуэр,лIам и Iыхьлы,и благъэ и ныбжэгъухэм зэрызэхащIэм хуэдиз хъунукъым.

Лъэгур увыгъуэ увыгъуэщи дунейр тетыгъуэ тетыгъуэщ

МылIэжын къигъэщIакъым  ауэ апхуэдэ цIыхухэр щыIэщи, я лIэныгъэр зейм имызакъуэу, лъэпкъым зэрыщыту я зэхуэдэ  хэщIыныгъэщхуэщ.

Дыгъуэспшыхь,ди ныбжэгъу гуэрым я деж щысакIуэ дахуэкIуат.

Аурэ дыуэршэру дызэхэсуурэ,я къуажэм щыщ зы лIыж гуэрым и гугъу ищIащ.

Ди ныбжэгъур зы тхьэмахуэ ипэ  я къуажэ кIуэжауэ, и къуэжэгъу а лIыжыр игъэуэршэр пэтрэ лIыр сымаджэ къэхъури и куэщIым илIыхьат.

ЗэрыжиIэмкIэ,зэрылIэнур и гум ищIауэ и щIалэри къыригъэшэжат, ауэ дохутырыми яхуэкIуэн имыдэу и унэм заригъэшэжщ и пIэм ягъэгъуэлъыжри,куэди демыкIыу и псэр хэкIат.

 ЛIыжым и цIэр Нэхущ Хьэбейщ.

Мы лIыж Iущым,а Iэгъуэ благъуэм къыщыхъу къыыщыщIахэр зэригъэщIэжурэ итхыу,

итхыжахэри  жылэм я хуиIуэтэжу псэуащ.

Апхуэдэуэ хэгъэгум цIыху дапщэ къинэжа жыпIэмэ Зэрызыххэщ.

Мыпхуэдэ зы лIыр дунейм ехыжыныр,и къуажэ и унагъуэ закъуэракъым зи жъагъуэ хъур.НтIэ,Адыгэ псомкIи гущIыхьэщ.

Абы ищIэ Адыгэ псалъэкIэр къыкIэлъыкIуэ щIэблэм лъэмыIэсымэ, ар лъэпкъ щэнхабзэмкIэ игъащIэм   къыпIэрмыхьэжыну щыт хэщIыныгъэшхуэ мэхъу.  

Иджы зи гугъ тщIыну Аслэн лъы уасэ IуэрыIуатэр,щылIэну пшыхьэшхьэм, мис мы лIыжым ди ныбжъэгъум къыхуигъэхъыхъыбарыжат:

Мы IуэрыуIатэр къыщыхъуа Аслэнхьаблэ къуажэр,Адыгэхэр Хэкум къыщикIа зэманым яухуа къуажэхэм ящыщ зысщ.

IуэрыIуатэм хэт къуажэм и цIэр къызытекIа  Аслэнхэ; къуажэм я псалъэ  щыпхыкыу,

жъаIэри ирагъэщIэфу,лъэпкъ хъарзынэ, лъэпкъ лъэрызехьэхэм ящыщт.

Мы IуэрыIуатэм и къежъэпIэ хъуа а махуэм, Аслэнхэ я къуэ гуэрырэ, а къуажэм дэс ДыщэкIхэ я зы  щIалэрэ (сытым къыхэкIами кIуэ хэт ищIэн) зэщохьахэри зозауэ.

Зызэрадзри зыIэпамшыжыфу зыкъомрэ зэрогъэкъу.

Аслэнхэ я щ1алэр йоуэри мыдрейм и Iэблэ лъэныкъуэр сэшхуэкIэ къыреупщIэтэх.

ИужъкIэ, уIэгъэр хъужа щхьэкIэ,  ДыщэкIхэ я щIалэм и Iэблэр мыхъужыпэу Iэшэу къонэ.

Иджыри къэс къэхъуахэм бгъэщIэгъуэну щIагъуэ хэлъкъым,мывэ зэхэлъым мывитI пэтрэ зоундэкI. ЩIэлIагъэ жыхуаIэращи,зыщыхьэнщ зэкIуыжынщ ар щхьэкIэ Iуэхур абы къыщынакъым.

Бзаджэ къызыхэмыкI унагъуэ щыIэ; зэрыжаIыжымкIэ,езыр екъуэншэкIа,зэзэуа щIалэми фэбж трилъхьа пэтрэ,Аслэнхэ я щIалэр ДыщэкIхэ ейм дэнэ щыхуэзэми цIыхухэм я пащхьэм иту,

«Ей Iэшэ,слIо уи Iэм къыщыщIар,паупIщыпэн хуеяти ! »щыжиIэурэ ауан къищIурэ къыщIэнакIэ зэпыптт.

Мыдрейми,«Уэ къуэш уи жъэр убыд, увыIэ, зэ щыгъэтыж» жиIэ щхьэкIэ, щIалэ бзаджэр увыIэжтэкъым.

Зэкъым тIокъым.ДыщэкIхэ я щIалэр уэрамым дэмыхьэжыф,цIыхум яхэмыхьэжыф хъуат.

Хуэмышэчыжыххэ щыхъум,аргуэру ауан кыщищI зэ, и нэм лъы къытелъэдауэ Аслэнхэ  я щIалэм занщIэу зыхуигъазэри, «Ейй блэ зрауыкI баш!,иджы нэужъкIэ зэхуэсакъыж,

хьэфэмэлыфэ усщIынущ уэ!» жеIэ, къытогуауэри,занщIэу йокъури    йожьэж.   

Абдэжым  къыщыщIэдзауэ,ДыщэкIхэ я къуэм, Аслэнхэ я щIалэр губгъуэм и закъуэ къызэрщыпыщIэхуэным ещэуэ хуожъэ.

ДыщэкIхэ ейм, мобы ауан къызэрищIар апхуэдизкIэ  гущIыхьэ, напэ тех хуэхъуати,илъ имыщIэжмэ дунейм темытыжыфын хуэдэуэ къыщыхъурт. 

И бий щIалэм щхьэкIэ, «изакъуэу губгъуэм зэ къизгъуэтатэмэ» жиIэурэ куэдрэ абы  ещащ.

Аурэ зыпэплъэ махуэр къос,и мурадыр къохъулIэри,Аслэнхэ я щIалэм зыри имыгъусэу зэхуегъазэ.

Бгъэдыхьэу еуэн щыхъум,емыуэ ипэ, «Iщэ пIыгъ?» ЖеIэри щIоупщIэ.

Модрейм,«СIыгъкъым» ЩыжиIэм, « Адыгэм,Iэщэ зымыIыгъ лIы иуыкI и хабзэкъым» же1эри бгъэдокIыж.

 ДыщэкIхэ я щIалэр,иукIыну мурад зхуиIэ щIалэм зэрэ тIорэ изакъуэу зыхуигъэза щхьэкIэ,адрейм Iэщэ иIыгътэкъыми емыуэу къыIукIыжащ.

Абдежым къыщыщIэдзауэ,модрейм мурадыфI къызэрыхуимыIэр къыгурыIэри Iэщэншэу къимкIухьыуэ щIидзащ Аслэнхэ я къуэми.

Зы махуэ гуэрэ сытми, щIалитIыр аргуэру, тIуми Iэщэ яIыгъу губгъуэм щызэхозэ.

Язакъуэт.

«IЭщэ пIыгъ?»

«СIыгъым тхьэ!»

«НытIэ зыхъумэ!»

Аслэнхэ я щIалэри фIырыфIкIэ пхуикIуэтынутэкъым.ЗэпыщIоувэхэ.

ДыщэкIхэ я щIалэм куэд щIауэ и гур хуэплъти,зауэм нэхъ хузэпэщт.

Зауэр куэдыщэ икIуакъым.Аслэнхэ я щIалэр уэIгъэ хьэлъэу къоукIурий,щIагъуэ дэмыкIыуи и псэр хыокI.

 Мыдреми, жэшыбг хъууэ цIыхухэр ипIэ изэгъэжа нэужъ,иукIа щIалэр и щым къытырепхэжыри Аслэнхэ я пщIантIэм къыдэутыпщхьэж.

 Нэху мэщ.Аслэнхэ,я щIалэр яукIауэ я сэрейм къыщагъуэтыжым,дунейр зэтыраIэтэ,

сабэр драпхъей кърапхъых, «Ар дауэ дэ къыдащIэфIын!» жаIэ.

ЗыщIар яцIыхунтэкъэ,мо лIитIым язэхуаку къыдэхъуам,зэхуаIэ гужъгъэжъым цIыху псэури щыгъуазэт.

Ауэ абы нэмысу зыукIа щIалэм, Аслэнхэ я щIалэр зыукIар езырауэ зэрыщытыр,  зыдэкIуам къыщиIуэхуащ.

Iуэхур зыблэхын хуейт.Ипэм, Узун яйлэ Адыгэ къуажэхэм,щыхъури мащIэт ауэ,

лIыуыкI хуэдэу зыблэхыгъуей гузэвэгъуэ къыщыхъум,ар хэIущIыIу ямыщIу,икIыи къэралыгъуэм намыгъэсу, езым я зэхуаку щызэблахыуэ щытащ.

Хыхьэ хэкI зиIэ цIыху пашэхэр зэхуэсти Iуэхум и унафэр ящIт.

ящIа унафэми зырикI фIэкIыфыртэкъым.

Мы Iуэхум и зэблэхыкIэри апхуэдэ хъуащ.

Хьадэр щIалъхьа нэужъ куэд дэмыкIыу,къуажэ псом лIы зэрыз тIурытI къахэкIыри Аслэнхьаблэ щызэхуэсахэщ.

Iуэхум и зэфIэхыкIэ хъуар мыращ:

Аслэнхэ зыкъомрэ,ДыщэкI лъэпкъыр зэрышыту заIэту къуажэм зэрыдагъэIэпхъукIыным трагъэчыныхьащ.

«Лэпкъыр зэрыщыту къуажэм дрекI» жаIэ  фIэкIа абы фIагъэкIыртэкъым.

Гупыр махуитI щы зэхэта нэужъ,Iуэхум теухуауэ мыхуэдэ унафэ утыку къралъхьащ:

«ДыщэкIхэ, лъы уасэуэ шырыкъуитI из дари сахуэ зэрагъэпэщынурэ Аслэнхэ иратынущ.

  Ауэ ар яхузэфIэмыкIыуэщытмэ,зэрылъэпкъу заIэтынурэ къуажэм дэкIынухэщ.»

Мы жылэ унафэм лъэпкъитIыри Iэмалыншэуэ арэзы техъуэнут,а унафэм фIэкIыпIэ иIэтэкъым.

АрщхьэкIэ дышэкIхэ иджы вакъэ зэв иувахэт,е жыхуаIэм хуэдиз дари сахуэ къагъуэтынут,мыхъумэ къуажэр ябгынэнут.

Аслэнхэи,дари сахуэр мащIэ дыдэуэ щытми зэрыгъуэтыгъуер,абы папщIэ ауэ къызэрымыкIуэу дари куэд бгъэсын зэрыхуер ящIэнтэкъэ,ящэрт.

Ар,щIыпаубыдари шэч хэмылъу  арат.

Абы иужъкIэ хъуар къывгурIыуа къыщIэкIынщ.

ДыщэкIхэ шырыкъуитI из дэнэ къэна,зы IэмыщIэ жыпIэмэ дари сахуэ ягъуэтакъым.

Жылэ унафэ зэрыфIэмыкIыфынухэри нахуэти,зэрылъэпкъыу къуажэм дэIэпхъукIахэщ.

А махуэм къыщыщIэдзауэ, зыгуэрым мыхъун Iуэху къышыраухылIэм деж абы щхьэкIэ, “слIо аслъэн лъы уасэ хъуа?” Жа

Тэгъулан Екъуб, Yakup Temel     Тыркум – Къайсэр къалэм

АДЫГЭ ЦIЫХУБЗ

Куэд щIакъым,сымаджэщым щIэлъ си ныбжэгъу гуэрэм сыщIэупщIэну сыкIуауэ къыщызгъэзэжым,зыр нэхъ щIалэу цIыхубзитI гъуэгу щхьэIум мащинэ ежъэуэ щыту сащырихьэлIащ.

Мыхэр сыту Адыгэм ещхь жызIэу сегупсысурэ сыблэкIа къудеуэ,къэзгъэзэжри  сыкъаувыIэщ.Сабгъэдыхьэщ сеплъри,я теплъэкIи я псалъэкIэкIи Адыгэ фэ ятетт

«Фы Адыгэу сигугъэщ  фэ,фыздэкIуэным фынэзгъэсыжынщ» жысIэри си машинэм къизгъэтIысхьахэщ.

Тыркум шыпсэу Адыгэхэр, я теплъэкIэ зэры Адыгэр инэхъыбэм тыншу къыбоцIыхуф,зэи псалъэхэу зэхэпхмэ, абы зэикI шэч къытепхьэжыхэкъым.

 жыжэ уымыкIуэ,сэ нэгъунэ  сыщыцIыкIу лъандэрэ седжэуэ хамэ щIыпIэхэм сыщыIэ пэт , си псалъэкIэмкIэ сызэрыадыгэр  тыркухэм занщIэу къацIыху.

Си машинэм къитIысхьа цIыхубзитIыр зэрыхуэзгъэфэщам хуэдэуэ Адыгэт.

Зэгуащэ зэнысэ цIыхубзитIым нэхъыжыр къэпсэлъащ,«Сыту фIы хъуа дызэрыпхуэзар икIи у Адыгэу,тхьэм уигъэпсо тIэсэ,ди Адыгэ тэкIу..» Сэри зыкъезгъэцIыхури сеупщIащ : «Сымаджэщым фIыкъокIыж сигугъэмкIэ,тхьэм фигъэIуэтэж,хэт сымаджэр?»

IэлъэщI хужьыбзэ зытелъ нанэ лъагъугъуафIэр си дэжкIэ зкъысхуегъазэри жеIэ;«Уыпсо си щIалэ, сэращ сымаджэр, си цIэр ГуэщлъапIэщ,мыри си нысэщ»

Аурэ ды уэршэрурэ, я унэм нэзгъэсыжыху, я гъащIэр къызрекIуэкIар, я псоукIэр зытетыр къызжиIащ нанэ Iущым.ГуэщлъапIэ, зы къуэ закъуэт къыщIэхъуар.

ЗэлI зэфызым я бын закъуэм къырагъэша нэужъ, куэд дэмыкIыуи шIалэр лIэри,зы хъыджэбз цIыкIу зыгъуэта я нысащIэр фызабэу къэнат.

НысащIэ дахэшхуэр  щIалэ дыдеу щхьэгъусэншэу къэна щхьэкIэ,нэгъуэщI бын зимыIэ  и гуащэмрэ и пщыжымрэ я закъуэу къимгъэнэн папщIэ, къылъыхъу куэд иIа щхьэкIэ  яхудэкIуакъым.ЛIыжь фызыжым еплъурэ ябгъэдэсащ.Мис нобэи и гуащэр дохутырым къищауэ ешэж.

Мыр фIырыфIкIэ зыми пхуищIэнкъым ауэ Адыгэ цIыхубзымкIэ, зыщIапIыкIа хабзэми, цIыхуыгъэми къекIур аращ.

Хэкужъым къиIэпхъукIа нэужь тыркур лъапсэ зыхуэхъуа Адыгэхэр,мулкукIэ хуэщIа дыдэу щымытхэми зыми я щхьэ хуамгъэщхъыу ,ящIэн ящхын яIэу,

зыхэс жылэм щIыхьрэ пщIэрэ щаIэу,фэ къыщыраплъу,я хабзэ дахэхэм зыкъомыри иджыркIэ ягъэзэщIэфу щопсэухэ.

АрщхьэкIэ  бзэмрэ щэнхабзэмрэ яфIэмыкIуэду, лэпкъыу къызэтена  зэрыхъун щIыкIэм щIэгупсысырей хъуахэщ.

Абы и хэкIыпIэуи,нобэкIэ  мыкIуэжыпэхэми, илъэс куэд ипэ ябгына я Хэкум быдэу зыпыщIэн хуейуэ зылъытэхэр кIуэху нэхъыбэ мэхъу.

  ХЭХЭС ЩIАЛЭГЪУАЛЭХЭР

Тыркум и лъэныкъуэ псоумкIэ къикIауэ, Къайсэр дэт Ерджиес Университетым Адыгэ ныбжыщIэ куэд щоджэ.

ЗэкIэ   зэрыцIыхухэм я бжыгъэр 250’м но, ауэ псоми я бжыгъэр къапщтэмэ фIыуэ нэхъыбэ къыщIэкIынщ.

Абы ещхьыуэ,Тыркум щыIэ адрей университетхэми,IэщIагъэ зэхуэмыдэ куэдымкIэ хуеджэу мин бжыгъэкIэ Адыгэ щIалэгъуалэ шIэсщ.

Адыгэхэр,Хэкум къиIэпхъукIыуэ Тыркум къэкIуа нэужъ,зыкъомырэ я цIыкIухэр ирагъаджэу щIэныгъэ зэрырагъэгъуэтынумкIэ Iэмал щIагъуэ  ягъуэтакъым.

 Ауэ ипэре зэманым елъытауэ, дызыхэт лъэхъанэм университетхэм щеджэ ди щIалэгъуалэхэр фIыуэ нэхъыбэ хъуащ. дияпэкIи нэхъыбэ хъунущ.

ЩIэныгъэ зэхэлъхьэныр,цIыхум езы и щхьэмкIэ ирехъу, лъэпкъымкIэ ирехъу, псом япэу зэрышытыр Iэнэм телъщ. Адыгэхэми ар къагурыIуащ.

Хэхэс адыгэхэм  иджы къытшIэхъуэ щIэблэр, сыткIэи нэхъ хуэщIауэ къотэдж.

Ипэрей адыгэхэм йеплъытымэ,гъугъехь щIагъуэ пыщIэмыхуэу,хуиту,гушхуэу,нэхъ Iэмал ягъуэтурэ нобэ куэдым щIэныгъэ зэрагъэгъуэт.

итIанэ,  фIыуэ ямгъэзэщIэфми,я Адыгагъэм, я лъэпкъ щэнхабзэм,нэхъ пасэу гу лъатэурэ къохъу.

ЩыщIэныгъэу зы яхэлъши ари куэдым Адыгэбзэ щIагъуэ зэрамыщIэращ.

Иджырей щIалэгъуалэм уахэплъэмэ, ди лъэпкъым и къэкIуэным хуэгъэзауэ, уызгъэгушхуэн куэд яхыболъагъуэ.

АрщхьэкIэ дяпэкIэ,хэхэс гъащIэм хэмыпсыхьыжу къызэтенэн папщIэ, Iэмалыншэу Хэкум и щIалэгъуалэхэмрэ хэхэс щIалэгъуалэхэмрэ зылъэгъэIэсын,зэрыгъэцIыхун, зэдэгъэлэжъэн хуейщ.

А Iуэху нэхъыщхьэр гъэзэщIэныр,Хэкум и унафэщIхэмрэ хэхэс Адыгэхэм я цIыху пашэхэмрэ я пщэ дэлъу къыщIэкIынщ.

ТЫРКУ ЩЕКIУЭКI ПОЛИТИКЭМ НЭХЪ ЛЪЭЩУ ДЫХЫХЬЭН ХУЕЙЩ.

Иджыблагъэ,илъэситхум зэ ягъэзащIэуэ щыт, щIыпIэ унафэщIхэм я хэхыныгъэхэр (муниципалитет)гъэтхэпэ мазэм и 29 махуэм Тыркум щекIуэкIащ.

Далэ къэс зэрыхъум хуэду, мызы гъуэгуи хахахэм адыгэ щIагъуэ яхэткъым.

Нобэ къэсыху,Адыгэхэм,Тыркум и политикэ гъащIэм зэрыхъун хуем хуэдизу зыхагъэзэгъэфакъым.

Адыгэхэм, я цIыху бжыгъэм еплъытмэ,нобэ яIэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ политикэм хэт цIыху щаIэн хуеящ диаспорам.

ЛIо апхуэду щIэхъур?

Мыр къызыхэкI куэд щыIэщ.

Ипэ щIыкIэ жытIэнщи,тыркум и политикэ гъащIэр зэтеухуар,Адыгэм и цIыху щIыкIэми адыгэ хабзэми зэикI екIуркъым.

Къэралыгъуэ куэдми щыапхуэдэ къыщIэкIынщ ауэ,политикэр тыркум нэхъ егъэлеяуэ щхьэхуешагъэмрэ, ар къэбгъэсэбэпыурэ пщIантепс хэмылъу  мыльку зэрызэбгъэпэщIыным хуэгъэпсащ.

УдэкIуэтеин папщIэ    уыкIытэ,емыкIу,гуэныхь жыхуэпIэхэр пIэтыжынущ,арыншэуэ уехъулIэныр гугъущ.

Абы къинэмыщIкIэ,ди цIыкIухэр,анэ ущий адэ ущий яхэлъу,нэмысыфIэу догъасэ ар хъарзынэщ ауэ,ахэр дгъэгущхуэрэ утыку идгъэхьэу къыдогъэтэдж тхужыIэнукъым.

Ди щIалэгъуалэр нэхъ пасэIуэу утыку идгъэхьэу дгъэсэмэ, политикэми ехъулIэныгъэ нэхъыбэ щыдгъуэтыфынущ.

Ауэ,иджы нэуыжь,Адыгэхэр даурэ хъунуми еплъыуэ,политикэ утыкум Iэтауэ икIиы лъэщу зыкъыщамгъэлъагъуэу хъунукъым.

Нобэ дыщыпсэу дунейм политикэр,  лъэпкъыр экономикэ и лъныкъуэкIэ ирехъу,щэнхабзэ и лъэныкъэкIэ ирехъу зэребгъэфIэкIуэным и шэсыпIэщ.

 Тэгъулан Екъуб (Yakup Temel) - Тыркум

 

VATAN MiLLETLERiN  EViDiR  

Ahmet Mithat

Isteklerinizi,önerilerinizi,şikayetlerinizi mail@perit-xase.com adresine yazarak bize ulaşabilirsiniz.   Sitemizdeki fikir ve köşe yazılarından yazarı sorumludur,kaynak belirtmek suretiyle izinsiz alıntı yapılabilir.
 01.10.2008 --
Perit dönüş yardımlaşma derneği -- Nalchik - Kabardino Balkarya/Russia

Адыгэбзэ

 

Тхыгъэ К1эщ1хэр

ХЪыбархэр
 
 

Тыркум щыпсэу унагъуэхэр

Адыгэ ц1эры1уэхэр

пасэрей Адыгэ хабзэхэр