|
|
|
|
СЫТ Щ1ЭН ХУЕЙ ? Нобэ дуней псэум щикъухьа ди къуэшхэр, я адэ хэкужьым нэхъ гугъэ ямы1эу хамэ щ1ыналъэхэм щопсэу, хамэ лъэпкъхэм яхок1уэдэж. Ди къуэшхэр нэм илъагъуу зэрык1уэдым,лъэпкъым и бынхэр зэманым ищхьэлым зрихьэжым дигъэгузэвэн,дигъэгупщысэн хуе1э ? Дэ нобэ, зэманым тхьэмпэм хуэдэу мы дуней щыгум тырипхъа ди лъэпкъэгъухэр къэдгъуэтыжу, ди 1эпэр зэрымыубыдыжынумэ сыт щыгъуэ зы дыщыхъужынур ? Сыт адрей лъэпкъхэм нэхърэ дызэрынэхъык1эр? ди щ1ыгу ди щхьэ лъагэу дыщыпсэужыфу,дыгъуасэ къытщыщ1а гуауэмрэ гукъeуэмрэ къытхуихьа мыхъумыщ1агъэхэр нобэ дгъэузэхужыфын хуе1э ? Ди лъэпкъыр тыркум,сирием,йорданием,израилым, эвропэм,амэрикэм,к1эщ1у жып1эмэ дунейм и къэралыгъуэ 40'м щикъухьауэ мэпсеу, ар псэук1эмэ. Дэ ди щ1ыгу ди адэжь щ1ыналъэ махуэ къэс ди бжыгъэр хэщ1урэ,махуэ къэс ди щэнхабзэр тф1эк1уэдурэ допсэу, ар псэук1эмэ. Ди хэкужь дыдэ нэгъунэ рэспубликэ 3уэ дыщикъухьащ, абы шапсыгъыр хэмытыхэу. Дэ лъэпкъу мы дунем дытетынумэ, зэман къак1уэм зы гугъэ худи1инумэ ди 1эпэр зэрубыдыжу ди къаруур зэхэтпщэжын хуещ. Я адэж щ1ыналъэ къагъэзэжу щыпсэуну хущ1экъу ди лъэпкъэгъухэм,зэрытлъэк1 хуэдиз защ1эдгъэкъуэн хуещ. Къэзымгъэзэжыфу хамэ къэрал къинэ ди къуэшхэри, а лъэпкъхэм яхэмык1уадэу къызэтенэн папщ1э щэнхабзэр зэрахъумэн,зэрырагъэф1эк1уэн амалк1э дадэ1эпыкъун хуещ. Мы зэманыщ1эр къызэднэк1а илъэсхэм хуэдэкъым.Ц1ыхухэр зэрыщ1эныр зэлъэ1эсыныр тынш дыдэ хъхуащ. Нт1э абы къик1ыр,ди къуэшхэр къэдгъуэтыжу ди 1эпэ зырыубыдыжынумэ щхьэусыгъуэ къытхуэмынэжауэ аращ. Хэкум исыжыри диаспорам щы1эри зыр адрем иригушхуэу иригугъэу,ирипагъэу Адыгэу дыпсуэнумэ ди зэпыщ1эныгъэр хэдгъэхъуэн,ди зэрыщ1эныгъэр едгъэф1эк1уэн хуещ. Мыр экономикэ и лъэныкъуэк1э,културэ и лъэныкъуэк1э,лъэпкъ гупщысэк1э-лъэпкъ 1уэху еплъык1э и лъэнынкъуэк1э ахуэдэщ. Дэнэк1э укъыщеплъыми ди 1уэхур дызэрызэкъуэтынум йок1уэл1эж. Аращи дызэбгъэдэвгъэхьэ,дызэрывгъэ1ыгъ. Дэ ди гупщысэм и лъабжьэр,ди лэжьыгъэм и щхьэусыгъуэр аращи тхьэм димыгъэук1ытэ. Пэрыт. |
|
Isteklerinizi,önerilerinizi,şikayetlerinizi
adresine yazarak bize ulaşabilirsiniz.
Sitemizdeki
fikir ve köşe yazılarından yazarı sorumludur,kaynak belirtmek suretiyle izinsiz
alıntı yapılabilir.
01.10.2008 --
Perit dönüş yardımlaşma derneği -- Nalchik -
Kabardino Balkarya/Russia