Къеблагъэ - Hoşgeldin

    ХЭКУМ   УХУЭЗЫШЭ   ГЪУЭГУ    .........Пэрыт - Perit.........VATANA  GÖTÜREN  YOL

Türkçe

 

Kimliğimiz


Fikrimiz

 

Faaliyetlerimiz

 

Tüzüğümüz

 

Üyelik_formu  

 Kısa bilgiler

Haberler

  Vatandan kısa  haberler

 

Soru-Cevap

Адыгэ хабзэ

Сыт хуэдэ цIыхури къащти дэтхэнэми ищIэжын хуейщ къызыхэкIа лъэпкъыр зищIысыр, зыхуэдэр. Адыгэ нэмысыр, хабзэр цIэрыIуэу ижь-ижьыж лъандэрэ къекIуэкIащ.

Адыгэ хабзэр дэтхэнэ зы адыгэм дежкIи адэжь дамыгъэщ, акъыл гъуэмылэщ, тагъэ дахэу нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэнаш.

Дэ абы дэгу бзагуэ дыхуэхъумэ псатхьэр къытхуэгъынщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэм я лъэпкъыр, я хабзэр бэлыхьышхуэм къыхихащ, ар ихъумэжын папщIэ бэнэныгъэ куэд иригъэкIуэкIащ.

Ди адыгэ хабзэр къызэрыгуэкIкъым. Ар апхуэдэу къызыщыхъум абы и мыхьэнэм имызакъэу и пщIэри егъэлъахъшэ.

Егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу жыпIэ хъунущ адыгэр адыгэ зыщIар и хабзэр арауэ. Адыгэ хабзэр цIыху хыхьэкIэ, цIыху хэтыкIэ къудейкъым, атIэ ар дуней еплъыкIэщ, гуапагъэщ, хьэл-щэн дахэщ.

 «Сэ грузину сыкъамылхуам, Адыгэу сыкъалъхуну сыхуеят», - жиIауэ щытащ грузин тхакIуэшхуэ гуэрым. Зыубгъауэ уегупсысмэ, Адыгэ хабзэр цIыху, лъэпкъ, жылэ, нэхъыжьрэ нэхъыщIэрэ, къинэмыщIахэм я зэхущытыкIэ зэгурыIуэкIэщ.

Ар здынэмысрэ здэмыIэбэ плIэнэпэрэ адыгэ гъащIэм иIакъым. Iуэху жьгъей дыдэу къытфIэщIхэм я деж къыщыщIэдзауэ Iуэхушхуэ дыдэхэм я деж нэсу.

Ар псалъэм имызакъуэу щапхъэщ икIи цIыхур цIыху зыщI нагъыщэщ, гуапагъэщ, хьэлэлыгъэщ, жумартыгъэщ.

Адыгэ хабзэм утепсэлъыхьыну бзэм къитIысыркъым икIи тыншкъым. Ар зыхэпщIэн хуейщ уи гуми уи псэми дыхьэу.

Адыгэ хабзэр ягъэзащIэ, зэрахьэ, я гум щахъумэ армыхъумэ, псалъэ фэрыщIыгъэкIэ, псалъэ дыгъэлкIэ ягъэбатэркъым. Аращ дауи адыгэхэм щIыжаIэр «Хабзэр бзэгупэкIэ зэрахьэркъым».

Адыгэ хабзэр зэгурыIуэу зэгуэр Iэ IэткIэ къащтакъым. Ар лIэщIыгъуэ IэджэкIэ зэфIэуващ, гъащIэм къыхэкIащ.

Адыгэ хабзэм пасэрей зэманыжь блэкIа куэдым и нэпкъыжьэ телъщ. Аращ дауи хабзэм дунейм, цIыху гъащIэм и къэхъугъэ псоми и Iуэху щIыхэлъыр, дэтхэнэ зы адыгэми и гурыщIэр и дорэш-плIэрэш дэIэбэу щымыуэным, цIыху хуэдэу щытыным ар щIыхуэсакъыр. Дэтхэнэ зы адыгэми а хабзэр и гум хэпщIауэ къэтэджын икIи ар игъэзэщIэн хуейщ. Насыпышхуэщ адыгэ хабзэр, нэмысыр пхэлъыныр.

Адыгэ хабзэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ Адыгагъэр.

Абы къызэщIеубыдэ щIыхьыр, зэхуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, гулъытэр, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, бзылъхугъэр гъэлъэпIэныр, сабийр гъэгушхуэныр, нэгъуэщIым зыдэщIыныр, ари уи щхьэ еплъытыныр.

 

Хьэщ1э гъуэгурык1уэм к1элъызрахьэу щыта хабзэр‏

Хьэщ1эм нэмыс щыхуащ1ри, хабзэ щык1элъызэрахьэри унэм и закъуэтэкъым,
дэнэ щыхуэзэми хьэщ1агьэ ирахт.
 
Гъуэгум шууэ к1уэрэ пэт, шу гуэрым щ1эрыхьэм «хьэщ1эу къыщ1эк1ьнщ»,—
жи1эу хуэсакъыу и сэмэгурабгъумк1э бгъурыхьэн хуейт, хабзэм тету
ижьырабгъур хьэщ1эм иритын щхьэк1э. Зэрыгугъам хуэдэу къыщ1эк1рэ,
зыщ1эрыхьар хьэщ1эу е нэхъыжьу щытмэ, тэмэму бгъурыхьати, абы тету
к1уэхэрт. Армырауэ ижьырабгъур езым нэхъ хуэфащэу щытмэ, зыщ1эрыхьар
къек1уэк1ырти. Сэмэгурабгъумк1э къэувырт.
 
Зы хьэщ1эрэ зы хэгъэрейрэ зэдэщ1ыгъууэ к1уэмэ, хьэщ1эр ижьырабгъумк1э
игъэувын хуейт нэхъыщ1эу щытми, и щ1ым ик1ыхунк1э. И щ1ым ик1а нэужь,
нэхъыжьым нэхъыжьып1эр къыхуонэж.
 
Шууэ к1уэурэ нэхъыжьыр лъэсу к1уэуэ ирихьэл1амэ, епсыхыу сэлам ирихын
хуейт. Шым тесу нэхъыжьым сэ­лам ирахыу хабзэтэкъым.
 
Зы хьэщ1эрэ зы хэгъэрейрэ зэдэщ1ыгъууэ мак1уэ. Хьэщ1эр шущ, хэгъэрейр
лъэсщ. Лъэсыр дэнэк1э увын хуей? 1эмал имы1эу лъэсыр ижьырабгъумк1э увын
хуейщ, ик1и нэхъыщхьэу ик1и хэгъэрейуэ щыт пэтми. Чэм мыхъуу хьэщ1эр
ижьырабгъумк1э, щытын хуейуэ аратэкъэ жыт1эр? Хьэщ1эр шьм епсыхын хъумэ,
хэгъэрейр епхъуэу и 1э ижьымк1э шхуэмылак1эр иубыду, 1э сэмэгумк1э
лъэрыгъыпсыфэр иубыду иригъэпсыхын хуейщ. Ар иригъэпсыхын щхьэк1э
лъэсыр, зэрыхабзэм тету, и сэмэгумк1э щыт­мэ, шур щепсыхк1э лъэсым
теувэнущ, езы лъэсри ижьырабгъумк1э къек1уэк1ыу шы1умп1эр иубыдыху шур
къежьэу щытын? Нэхъыжь шурэ нэхъыщ1э лъэсрэ зэдэщ1ыгъуу к1уэми, аращ
хабзэр.
 
"Адыгэ хабзэу щы1ахэр", Щоджэн Хьэзешэ, Къардэнгъущ1 Зырамыку

 

Нэхъыжьым хуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ къэзыгъэлъагъуэ хабзэхэм щыщщ:

v    АдыгитI зэгъусэу лъэсу кIуэмэ, нэхъыжьыр сыт щыгъуи ижьырабгъумкIэ щытщ. Ахэр щуу хъумэ, нэхъыжьыр сыт щыгъуи яку дэтщ, курытым абы и сэмэгурабгъур нэхъыщIэм иIыгъщ.

v Ещхьыркъабзэущ Iэнэм ущытыскIэ узэрытIысын хуейр.

v   Гъуэгу тет нэхъыжь зэикI кIэлъыджэркъым, атIэ лъэщIохьэри и сэмэгурамбгъур зэрегъэгъуэт, фIохъус ирехри итIанэ зыхуеймкIэ йоIупщI е йочэнджэщ.

v   Псалъэмакъ щекIуэкIым и деж нэхъыжьыр зэикI зэпаудыркъым. Нэхъыжьыр яхыхьэмэ псори сытым щыгъуи дэнэ дежи щотэдж. Нэхъыжьым имызакъуэу хьэщIэми, бзылъхугъэми, хамэм щхьэкIи мэтэдж унэм щIэсми губгъуэм исми зэхэгъэж имыIэу.

v   НэхъыщIэр зыщIыпэ кIуэнумэ, нэхъыжьым иригъэщIэн, хуит зыкъригъэщIын хуейщ. Къэбгъэзэжамэ нэхъыжьым плъэгъуамрэ уздэщыIамрэ хуэIуэтэжын, ухутепсэлъыхьыжын хуейщ.

v   ЦIыху гъэса, Адыгагъэ, цIыхугъэ зыхэлъыр нэхъыжь и деж щIыхьэурэ абы еуэршэрылIэн, щIэупщIэн, хъыбар иригъэдэIуэн, ечэнджэщын хуейщ.

Хабзэм и мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэ  Адыгэ псалъэжьхэм щыщ:

Ø     Хабзэр убзэ зыфIэщIым, хуэпщIэным и ныкъуэр къегъанэ.

Ø     ХабзэмыщIэр напэтехщ, щIыкIейщ, жьантIакIуэщ.

Ø     Нэмыс зимыIэм – насып иIэкъым.

Ø     Жьым пщIэ хуэпщIым – пщIэ бгъуэтынщ.

Ø     Нэмысыншэр насыпыншэщ.

Ø     Нэмыс зыхэлъым – насып иIэщ.

Ø     Iей пщIауэ фIы ущымыгугъ.

Ø     фIы пщIамэ ущIэмыфыгъуэж.

Ø     Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ ухуозэж.

Ø     Лъэпкъым и пщIэр зыгъэиным щIыхьыр ину хуэфащэщ.

Ø     Хабзэр лъэпкъым и фэеплъщ икIи мыкIуэдыжыну къулеягъэщ.

Ø     ГъащIэр насыпкIэ зыхуэупсэр зи хабзэр фIыуэ зылъагъурщ.

Ø     УкIытэр насыпым и шыпхъущ, намысым и къуэшщ.

Ø     Хабзэр, нэмысыр – ар гъуджэщ, ар гуащIэдэкIым и напэщ.

 

Адыгэхэм  ди хъуэхъу дахэхэм щыщ:

v    «ХабзэмыщIэ – емыкIухьщ»  - жаIэр. Абы къыхэкIкIэ адыгэ хъуэхъу дахэхэр пщIэн хуейщ.

v    Дзэм кIуэ щIалэм йохъуэхъу: узыхыхьэм ди адыгэ напэр умыгъэукIытэу уахэтыну, узыншэу къэбгъэзэжыну сынохъуэхъу. Гъуэгу махуэ утихьэ! Гъуэгу махуэ уиужьэ!

v    Унэ зыщIам, унэщIэ щIэтIысхьам зэрехъуэхъур:

«Угъурлы ухъу! НасыпыфIэ фыщыхъу! Тхьэм фыщигъэтынш! Лъапсэ быдэ, псэупIэ угъурлы фхухъу!

КъыщIыхьэм насып къыщIихьэу,

ЩIэкIыжым акъыл щIихыу,

Куэдрэ тхьэм фыщигъэпсэу!

v    Сабий унагъуэм къыхуалъхуамэ:

ЩIалэ цIыкIуу щытмэ:

Гущэпс быдэ фхухъу!

Къыфхэхъуам и насып, и гуфIэгъуэ

Куэду тхьэм фигъэлъагъу!

Лъэпкъ фхухъу!

v    Хъыджэбз цIыкIуу щытмэ:

Хъыджэбз цIыкIуу къыфхэхъуар

Къарэкъэтинэу,

Бэрэтинагъуэу,

Данагъуэ Iупэу,

Щхтьэцыпэ дыкъуакъуэу,

Шэнтым тесым тхьэрыкъуэу,

Зиукъэдиймэ аслъэну,

Щхьэцыдзэ кIыхьу,

Хьэл щэныфIэу,

ФIыгъуэ натIэу,

Куэдрэ узыншэу,

НасыпыфIэ фхуэхъуну!

v    ЕджапIэ щIэтIысхьам зэрехъуэхъур:

Уи щIэныгъэм и хъер улъагъу!

Уи IэщIагъэм тхьэм насыпыгшхуэ къыпхудигъакIуэ!

***************

Гъавэр ди бэву

Хадэ бэвыр ди натIэу

Ди щIэныгъэр къэралым яджу

Ди насыпым бжыгъэ имыIэу

ДиIэ фIыгъуэр тхуэбагъуэу

Нэхъыжь IэщIагъэр нэхъыщIэм яджу

Дызэчэнджэщу, дызэдэлажьэу

Лэжьыгъэм хъерыр къытхуихьу

Ди гъащIэр дахэу,

Дыгъэр къытхуэгуфIэу

ФIыгъуэр щыбатэу

Хъуэхъу жытIэр псоми тхуэмахуэу

Гъэ мин Iэджэ дгъэщIэну

Дэ абыкIэ дохъуахъуэ!

Уи щхьэм уезыгъэгупсысыж, губзыгъагъ, Iущагъ зыхэлъ псалъэ шэрыуэхэм щыщ:

Ø     Зи мыIуэху зезыхьэм ар иIуэхутхьэбзэу къыщохъу.

Ø     Зым пэжыр фIэлъапIэщи, адрейм дыщэр фIэнэхъ лъапIэщ.

Ø     Хэти яIэт, хэти яIуэт.

Ø     Мыгъуагъэр тхьэмыщкIагъэм кIэрыпщIэгъуафIэщ.

Ø     Зым нэхъ къопщэри, адрейм и жьапщэ мэхъу.

Ø     Хуэмыхум дэуэршэрыху щхьэхынэ хъуащ.

Ø     Хэти укIытэр къытокIуэ, хэти укIытэм токIуэ.

 

 Зыхэзылъхьэжар : Сокъур Залинэ.

 

VATAN MiLLETLERiN  EViDiR  

Ahmet Mithat

Isteklerinizi,önerilerinizi,şikayetlerinizi mail@perit-xase.com adresine yazarak bize ulaşabilirsiniz.   Sitemizdeki fikir ve köşe yazılarından yazarı sorumludur,kaynak belirtmek suretiyle izinsiz alıntı yapılabilir.
 01.10.2008 --
Perit dönüş yardımlaşma derneği -- Nalchik - Kabardino Balkarya/Russia

Адыгэбзэ

 

Тхыгъэ К1эщ1хэр

ХЪыбархэр
 
 

Тыркум щыпсэу унагъуэхэр

Адыгэ ц1эры1уэхэр

пасэрей Адыгэ хабзэхэр