|

Ди Гупщысэр
Пэрыт
хасэр
къызэ1узыха ди гупым тегъэщ1ап1э ищ1а гупщысэр зыщ:
Дуней псом щикъухьа ди лъэпкъэгъухэр,ди
къуэшхэр я хэкум пыщ1а щ1ыжын.Къэзгъэзэжыфынухэм, хэкум
къэк1уэжыну хуехэм дэ1эпыкъуэгъу яхуэхъун.
Дэ,
хэхэсу псэу ди ц1ыхухэр пасэми гувами зыхэс лъэпкъхэм
зэрахэк1уэдэжынур дощ1э.
Адэк1э
уплъэмэ ди лъэпкъыр къызэтэнэнумэ-къак1уэ зэманым гугъэф1
хуиэуэ псэунумэ-зиужьынумэ, дэ хъумап1э тхуэхъунури
зыщыдужьынури дыкъыщызэтенэнури къуэпс щыди1э ди адэ
хэкужьыращ.
дэтхэнэ
зы Адыгэм и плъапьэу,дэнэ щы1эми и гугъапьэу диэн хуещ хэкур.
Нт1э дэ
нобэ къалэну зыхуэдгъэувар ищхьак1э зэрыжыт1ащи;дунем
тэкъухьа хъуа ди къуэшхэр ди лъэпкъэгъухэр я хэкум пыщ1а
щ1ыжын,къэзгъэзэжыну хуехэм я дэ1эпыкъун защ1эгъэкъуэн
1уэхуращ.
Я
докумэнтхэр хабзэм къек1у зэгъэпэщынымк1э ящ1апхъэр
ягурыгъэ1уэн,гъуэгу ягъэлъагъун.
Сыт
хуэмыдэми нэгъуэщ1 лъэпкъым яхэсу къэхъуа,псэуа
къэгъуэгурык1уа ди къуэшхэр хэкум шы1э псэук1эм,гупшысэк1эм,
зэхэтык1эм гугъу емыхьу зэрэк1унумк1э, зэресэжынумк1э
ядэ1эпыкъун.
Къэк1уэж
ц1ыхухэр социалнэ экономикэ и лъэныкъуэк1э зыхуей хуэгъэзарэ
лажьэу пщ1ант1эу,зы 1уэхурэ 1эщ1агъэрэ и1эу абык1э псэуфу
хэкум къигъэт1ыхьэжын.
Дэ, зы
хэку зэри1эр ищ1эрэ, и гур абы хущ1экъуу адэжь щ1ыналъэ
къэк1уэл1эж дэтхэнэ ди къуэшыми хабзэм къэк1у дыкъуэтынущ,
дыбгъэдэтынущ,тлъэк1 къэдымгъанэуи дыдэ1эпыкъунущ.
Мы зи
гугъу тщ1ы 1уэхум теухуауэ ек1уэк1 просэдурэр, зызуэныкъуэ
докумэнт е тхылъымп1эхэр, къэзгъэзэжыну хуехэм ящ1апхъэхэр
къэзыгъэлъагъуэ информацэ къитлъхэнущ сайтым.
Кэщ1у
жыпьэмэ хэкумрэ хэхэсымрэ я зэхуаку лъэныкъут1ыр зыхуэзышэ
гъуэгу,зэзыпх лъэмыжу дыдэтынущ.
Пщ1э
фхулощ1,фыдогъащ1э.
Пэрыт.
|