|
|
|
|
Адыгэ хэкум и бынуу хамэ лъэпкъхэм яхэгуэша хъуа ди къуэшхэр,нобэ адэжь щ1ыналъэм къешэл1эжын зэрыхуем шэч къытетхьэркъым. Дощ1э нобэ зи бжыгъэр мэлуанитхум нэса хэхэс Адыгэхэм,псэуми хэкум къызэрамыгъэзэжыфынур. Къагъэзэжыпэну щытми хэкум щыди1э рэспубликъэхэм я къарур абы зэрыхуримыкъунур. Нт1э сыт ахуэдизу диаспорам дыщ1ытепсэлъыхыр ? Япэрауэ дэ ди лъэпкъэгъущ ахэр, дэ ди къуэш дыдэщ. Нобэ хэкум ис унагъуэц1эхэм я нэхъыбэм диаспорами ущыхуэзэнущ. Абы къик1ыр: ди лъэпкъыр т1ууэ ищык1ауэ аращ. Хэкурыс,хэхэс. Нт1э апхуэду щыхъук1э;дэ ди пщэ къыдохуэ а ди къуэшхэм къэзыгъзэжыфынухэр къэшэл1эжыныр. Къэзымыгъэзэжыфынухэми здэщы1эм щымык1уэдын,я културэр яхъумэн папщ1э зыхуэныкъуэ 1эмалк1э защ1эгъэкъуэныр. Зэрыжыт1ащи дощ1э ди диаспорэм мэлуан бжыгъэк1э хэкум къызэримыгъэзэжыфынур. Ауэ къэк1уэжыну 1эмал зи1эхэм,къигъэзэжыну къаруу зи1эхэм зэрытлъэк1 хуэдиз дадэ1эпыкъумэ, зы мыхъуми ц1ыху мин бжыгъэхэр къетшэл1эжыфымэ,ди зэхуакум дэлъын хуей зэпыщ1эныгъэр дгъэбыда хъунущ. Зэ фегупсысыт унагъуит1 къэс зым диаспорэм и блъагъэ къыщигъуэтыжауэ, е блъагъэ пышэгъу щи1эуэ. Мы 1уэхум, зы лъэныкъуэк1и а ди къуэшхэм я културэр къигъэщ1эрэщ1эжынущ,гугъэ гукъыдэж къахилъхьэнущ. Яхъума Адыгэ културэр и къуэпсым ирипхыжынурэ, езым къаруу зэригъуэтым хуэдэ къапсу къуэпсыри(хэкужьыр) лъэщ ищ1ынущ. Мы 1уэхур, дызыдэпсэу урысей фэдэрацэм и лъэныкъуэк1и щхьэпэщ.Сыту жып1эмэ,унагъуэ е унэгъуит1 къэс и зы ц1ыху хэкум игъэзэжауэ Адыгэ диаспорэр къэщ1эрэщ1эжмэ дунейм и къэралыгъуэ 40м щигъуэтыну къаруум фегупсысыт зэ. К1эщ1у жыпьэмэ быдэу зэпыщ1ауэ зы Адыгэ дуней зытэухуэжыныр, диаспорэмк1и, хэкумк1и,урысемк1и щхьэпэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ нобэ африкэ къик1у хэкум къак1уэ зы цыхум докумэнт и лъэныкъуэк1э дыкъызэрщхьэщык1 щы1экъым. Зи мыхъуми къэралыр, хэкум къэзыгъэзэжыну ди къуэшхэм нэхъ тыншу къызэрык1уэжын 1эмалк1э къыдэ1эпыкъуфын хуеуэ къыдолъытэ. Ахъшэ къыдэфт жыт1э1ым,унэ е щ1ы къыдэфт жытьэ1ым,Ауэ къэк1уэж ц1ыхухэр лэжьэн, псэун, я гъащ1э зытыраухуэжын хуе1э? Езыми лъэпкъыми щхьэпэ 1уэху ящ1эу,лэжыгъэ лэжьап1э къызэрагъэпэщын и лъэныкъуэк1э хуитыныгъэ ятын хуе1э ? Мис а т1эк1умк1э ди у1эхур къэралым иригъэф1эк1уэнк1э догугъэ. Ди къуэшхэр къэщэл1эжыныр ищхьэк1э зэрщыжыт1ащи : А) Хэкум нэхъ мащ1э щыхъуа ди бжыгъэр хигъэхъуэжынущ. Б) Хэхэсу псэу ди къуэшхэм дапищ1эжынурэ,ахэми дэри ди културэм зыригъэужьынущ. С) А ди къуэшхэр хамэ лъэпкъхэм я асимилацэм щихъумэнуш. Д)Къэзыгъэзэжыр куэд хъуху,хэкум гук1э пыщ1ар нэхъыбэ хъунущ.Дызыхэт фэдэрацэми рэспубликэхэми пыщ1эныгъэ лъагъуныгъэ хузиэ ц1ыхур нэхъыбэ хъунущ. .... к1эщ1у жыпьэмэ быдэу зэпыщ1ауэ зы Адыгэ дуней зэтэухуэжыныр, диаспорэмк1и,хэкумк1и,урысемк1и щхьэпэщ. Пэрыт. |
|
Isteklerinizi,önerilerinizi,şikayetlerinizi
adresine yazarak bize ulaşabilirsiniz.
Sitemizdeki
fikir ve köşe yazılarından yazarı sorumludur,kaynak belirtmek suretiyle izinsiz
alıntı yapılabilir.
01.10.2008 --
Perit dönüş yardımlaşma derneği -- Nalchik -
Kabardino Balkarya/Russia