|
|
|
|
ХЭХЭС ЩIАЛЭГЪУАЛЭХЭР Тыркум и лъэныкъуэ псомкIэ къикIауэ, Къайсэр дэт Ерджиес Университетым Адыгэ ныбжыщIэ куэд щоджэ. ЗэкIэ зэрыцIыхухэм я бжыгъэр 250м но, ауэ псоми я бжыгъэр къапщтэмэ фIыуэ нэхъыбэ къыщIэкIынщ. Абы ещхьыуэ,Тыркум щыIэ адрей университетхэми,IэщIагъэ зэхуэмыдэ куэдымкIэ хуеджэу мин бжыгъэкIэ Адыгэ щIалэгъуалэ шIэсщ. Адыгэхэр,Хэкум къиIэпхъукIыуэ Тыркум къэкIуа нэужъ,зыкъомырэ я цIыкIухэр ирагъаджэу щIэныгъэ зэрырагъэгъуэтынумкIэ Iэмал щIагъуэ ягъуэтакъым. Ауэ ипэре зэманым елъытауэ, дызыхэт лъэхъанэм университетхэм щеджэ ди щIалэгъуалэхэр фIыуэ нэхъыбэ хъуащ. дияпэкIи нэхъыбэ хъунущ. ЩIэныгъэ зэхэлъхьэныр,цIыхум езы и щхьэмкIэ ирехъу, лъэпкъымкIэ ирехъу, псом япэу зэрышытыр Iэнэм телъщ. Адыгэхэми ар къагурыIуащ. Хэхэс адыгэхэм иджы къытшIэхъуэ щIэблэр, сыткIэи нэхъ хуэщIауэ къотэдж. Ипэрей адыгэхэм йеплъытымэ,гъугъехь щIагъуэ пыщIэмыхуэу,хуиту,гушхуэу,нэхъ Iэмал ягъуэтурэ нобэ куэдым щIэныгъэ зэрагъэгъуэт. итIанэ, фIыуэ ямыгъэзэщIэфми,я Адыгагъэм, я лъэпкъ щэнхабзэм,нэхъ пасэу гу лъатэурэ къохъу. ЩыщIэныгъэу зы яхэлъши ари куэдым Адыгэбзэ щIагъуэ зэрамыщIэращ. Иджырей щIалэгъуалэм уахэплъэмэ, ди лъэпкъым и къэкIуэным хуэгъэзауэ, уызгъэгушхуэн куэд яхыболъагъуэ. АрщхьэкIэ дяпэкIэ,хэхэс гъащIэм хэмыпсыхьыжу къызэтенэн папщIэ, Iэмалыншэу Хэкум и щIалэгъуалэхэмрэ хэхэс щIалэгъуалэхэмрэ зылъэгъэIэсын,зэрыгъэцIыхун, зэдэгъэлэжъэн хуейщ. А Iуэху нэхъыщхьэр гъэзэщIэныр,Хэкум и унафэщIхэмрэ хэхэс Адыгэхэм я цIыху пашэхэмрэ я пщэ дэлъу къыщIэкIынщ. Тэгъулан Екъуб, Yakup Temel ---- Тыркум къайсэр къалэм. ТЫРКУМ ЩЕКIУЭКI ПОЛИТИКЭМ НЭХЪ ЛЪЭЩУ ДЫХЫХЬЭН ХУЕЙЩ. Иджыблагъэ,илъэситхум зэ ягъэзащIэуэ щыт, щIыпIэ унафэщIхэм я хэхыныгъэхэр (муниципалитет)гъэтхэпэ мазэм и 29 махуэм Тыркум щекIуэкIащ. Далэ къэс зэрыхъум хуэду, мызы гъуэгуи хахахэм адыгэ щIагъуэ яхэткъым. Нобэ къэсыху,Адыгэхэм,Тыркум и политикэ гъащIэм зэрыхъун хуем хуэдизу зыхагъэзэгъэфакъым. Адыгэхэм, я цIыху бжыгъэм еплъытмэ,нобэ яIэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ политикэм хэт цIыху щаIэн хуеящ диаспорам. ЛIо апхуэду щIэхъур? Мыр къызыхэкI куэд щыIэщ. Ипэ щIыкIэ жытIэнщи,тыркум и политикэ гъащIэр зэтеухуар,Адыгэм и цIыху щIыкIэми адыгэ хабзэми зэикI екIуркъым. Къэралыгъуэ куэдми щыапхуэдэ къыщIэкIынщ ауэ,политикэр тыркум нэхъ егъэлеяуэ щхьэхуешагъэмрэ, ар къэбгъэсэбэпыурэ пщIантепс хэмылъу мыльку зэрызэбгъэпэщIыным хуэгъэпсащ. УдэкIуэтеин папщIэ уыкIытэ,емыкIу,гуэныхь жыхуэпIэхэр пIэтыжынущ,арыншэуэ уехъулIэныр гугъущ.
Абы къинэмыщIкIэ,ди цIыкIухэр,анэ ущий адэ ущий яхэлъу,нэмысыфIэу догъасэ ар хъарзынэщ ауэ,ахэр дгъэгущхуэрэ утыку идгъэхьэу къыдогъэтэдж тхужыIэнукъым. Ди щIалэгъуалэр нэхъ пасэIуэу утыку идгъэхьэу дгъэсэмэ, политикэми ехъулIэныгъэ нэхъыбэ щыдгъуэтыфынущ. Ауэ,иджы нэуыжь,Адыгэхэр даурэ хъунуми еплъыуэ,политикэ утыкум Iэтауэ икIиы лъэщу зыкъыщамгъэлъагъуэу хъунукъым. Нобэ дыщыпсэу дунейм политикэр, лъэпкъыр экономикэ и лъныкъуэкIэ ирехъу,щэнхабзэ и лъэныкъэкIэ ирехъу зэребгъэфIэкIуэным и шэсыпIэщ. Тэгъулан Екъуб, (Yakup Temel) - Тыркум къыщетх. Тыркум къыщыдэк1а тхылъыщ1эхэр
Нобэ къэс мин 3'м нэса тхылърэ документрэ зэхуихьэсыжу и нэхъыбэр щ1эу къытырезыгъэдзэжа мы лэжьап1эм ф1ыщ1э хуэфащэщ. Япэ тхылъыр "Кавказым и тхыдэр 1" ц1эк1э къыдэк1ат. А тхылъ хьэлэмэтым Мэт Чунэтыкъуэ Йусуф Изэт пашэм и тхыгъэхэр щызэхахьэсыжат. Ет1уанэ том иджы къыдэк1ами абы къык1элъык1уэ тхыгъэ к1эщхэри къыриубыдэу зэхалъхьащ. Тхак1уэм мы тхылъым щитхыжа дэтхэнэ хъыбарыми тхыдэл1 ц1эры1уэхэм ятхыжахэмрэ жаы1жахэмрэ тэгъэщап1эуэ щыхьэты1уэ къыщегъэлъагъуэ. Мы тхылъым тхак1уэм 1914 илъэсым къыдигъэк1а "Кавказым и тхыдэ" тхылъымрэ 1914-1918 и зэхуаку итхыжа гукъинэж-тхыдэ докумэнт к1эщ1хэмрэ щызэхуихьэсауэ, си документхэр- зыф1ища уэсмэныбзэк1э тха тхылъ ц1ык1уитхумрэ итхэр щызэхэлхьэжа хъуащ.
Мы тхылъыр В.Натушняк итха "кубан къэзакъхэм я илъэс 300" жыхуи1э тхыгъэм Fдыгэхэр зэригъэпудым къэзакъхэм зэрыщытхъум и жэуапу ятхыжа тхылъ хьэлэмэтщ. ---------
Чэркэс гупщысэк1э зыф1ища тхылъым нобэ диаспорэм щыпсэу Адыгэхэм я 1уэху еплъык1эмрэ,я гупщысэк1эмрэ топсэлъыхь. Адыгэ интэлэгэнциам и гупщысэк1эмрэ, и лъэпкъ хущытык1эмрэ,къэк1уэну зэманым проект зэрыхуимы1эмрэ игъэп1эйт1эй тхак1уэм ди щытык1эмрэ лъэпкъ гупщысэм зызэримыужьымрэ къызыхэк1 щхьэусыгъуэхэр дегъэлъагъуж,къыдгурегъэ1уэж. PERIT Хасэр Тырку Прэзидентым 1ущ1ащ. Тыркум щы1э Адыгэ хасэхэм я зэгухьэныгъэ Кавказ Фэдэрацэ'м и ц1эк1э зы гуп тырку рэспублскэм и прэзидэнт Абдуллах Гюл епсэлъахэс.
Зэ1ущ1эм ,Кавказ фэдэрацэм и тхьэмадэ джихан джандэмир,
хасэм и гъэзэщ1ак1уэ гупым щыщу ц1ыхуищ игъусэу к1уащ.
Тыркум щыпсэу Адыгэхэм япыщ1элъ гугъуехьхэмрэ,къэралым къахуищ1эну зыщ1элъэ1ухэмрэ къэзыгъэлъагъуэ рэпортхэр прэзидэнтым иратыри, Адыгэ-Абхазхэм я проблэмэхэр зыхэхуауэ гурагъэ1уащ. тырку къэралым щыпсэу мэлуанитхум нэс кавказым и нэхъыбэр Адыгэщ.Абыхэм я бжыгъэр зэрыхуагъэфащэмк1э мэлуанищым щ1эгъу. Гупыр прэзидэнтым зэрхуэтхьэусыха ик1и рэпорт файл гъэхьэзырауэ ирата проблемэхэр мыхэращ : 1 Абхазымрэ Тыркумрэ я зэхуаку, кхъуэхь ик1и кхъуэхьлъатэ щылэжэну тырку къэралым унафэ къищтэну, мы у1эхур ямыгъэгуфэу егъэжьэн хуеуэ. 2- Тырку телевизырым Адыгэбзэмрэ Абхазыбзэмрэк1э къанал къыщызэ1ухыну, ар мыхъумэ къанал щы1эхэм язымк1э, тыркум щыпсэу Адыгэ лъэпкъым и бжыгъэм елъытауэ зэман бжыгъэк1э адыгэбзэ програм къэтыныр хуит ящ1ыну. 3- Адыгэбзэм езыгъэджэн,Адыгъэбзэм елэжьын, бзэр зыхъумэн щ1эныгъэ институтхэр тырку университетхэм къыщызэ1ухыну. 4- Абхазиемрэ Осэтиемрэ я 1уэхур зытэтыр,ахэр грузием къарук1э иубыда мыхъумэ грузиэм и щ1ыналъэу зэрыщымытыр, дэ ди ц1ыхухэм ята налогумк1э тырку къэралыр грузиным зэрдэ1эпыкъур Адыгэхэм зэраф1эмыф1ыр, прэзидэнтым гурагъэ1уащ. Мыбы теухуауи лъэ1у тхылъырэ 1уэхур зытетыр къэзыгъэлъагъуэ рэпорт щхьахуэрэ иратащ. Прэзидэнтыр гупым къэдэ1уа иуж; зи гугъу ящ1а проблемэхэм к1элъыплъыну,къырата рэпортхэм хэплъэу зыщ1элъэ1уахэм тэухуауэ пэджэж къаритыжыну къажыри1ащ.
Пэрыт. |
|
Isteklerinizi,önerilerinizi,şikayetlerinizi
adresine yazarak bize ulaşabilirsiniz.
Sitemizdeki
fikir ve köşe yazılarından yazarı sorumludur,kaynak belirtmek suretiyle izinsiz
alıntı yapılabilir.
01.10.2008 --
Perit dönüş yardımlaşma derneği -- Nalchik -
Kabardino Balkarya/Russia